Архиепископ Феофилакт иригъэкIуэкIащ Чристэн диныр гъэлъэпIэным ехьэлIа къулыкъур

09.03.2020
Просмотры: 3057

2020 гъэм гъатхэпэм и 8-м, нэщI Иным и япэ тхьэмахуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. Щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм тхьэмахуэ зэпсэлъэныгъэм Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ центрым щыIущIащ. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIащ Чристэн диныр гъэлъэпIэным теухуа къулыкъур. А махуэ дыдэм архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу къулыкъу щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и хъыбарегъащIэ-тхылъ тедзапIэ къудамэм и япэ унафэщI Бронский Евгений дунейм щехыжа Хорошевскэ кхъэм и щIыпIэм. Щихънагъ нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Евгений и щхьэгъусэмрэ ипхъумрэ, епархием и лэжьакIуэхэр, и ныбжьэгъухэр. Бронский Евгений дунейм ехыжащ 2016 гъэм гъатхэпэм и 8-м.

3057
Фотогалерея