Благочиннэм Щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр иритащ псапащIэ IуэхущIапIэм и унафэщIым

07.03.2020
Просмотры: 2561

2020 гъэм гъатхэпэм и 6-м Псыхуабэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис «Женщина года – 2019» саугъэтым хэтхэм фIэхъус ярихащ. Благочиннэм абы хэтхэм я деж нигъэсащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъур икIи сабий ныкъуэдыкъуэ зиIэ адэ-анэхэм я «Тепло сердец» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Сухановэ Светланэ Щихънагъым и щIыхь тхылъыр иритащ.

 

***

Сабий ныкъуэдыкъуэхэм я адэ-анэхэм я «Тепло сердец» зэгухьэныгъэр 2015 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м къызэрагъэпэщащ. 2016 гъэм мэлыжьыхьым и 11-м адэ-анэхэм къалэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэр ирагъэтхащ, Даун, аутизм

узыфэхэр зыпкъырыт унагъуэхэр зыхыхьэр. «Тепло сердец» зэгухьэныгъэм и къалэныр – сабийхэм я адэ-анэхэм я зэфIэкIхэр зэкъуагъэувэнырщ, сабийхэр гъащIэ узыншэм, щIэныгъэм, спортым, щэнхабзэм хэшэнырщ.

2561
Фотогалерея