Благочиннэр хэтащ балъкъэр лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъам и фэеплъыр къыщызэIуахым

04.03.2020
Просмотры: 2581

2020 гъэм гъатхэпэм и 2-м Налшык къалэм щекIуэкIащ балъкъэр лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Мечиев Кязим и фэеплъыр къыщызэIуахым. КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Гуданаев Борис ищIа бюстыр щагъэуващ балъкъэр лъэпкъым и политикэ зэхэзехуэным хэкIуэдахэм я фэеплъым деж.

Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КуIэкIуэ Къазбэч, КъБР-м и Правительствэмрэ Парламентымрэ я Iэтащхьэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Мечиев Кязим и зэфIэкIым дихьэххэр, усакIуэм и благъэхэр. Псыхуабэ епархием и лIыкIуэу абы кIуащ Налшык члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин.

 

***

Мечиев Кязим Беккий и къуэр (1859-1945) – балъкъэр усакIуэщ, узэщIакIуэщ, гупсысакIуэ-гуманистщ, балъкъэр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъащ, балъкъэр литературэбзэр щIыгъуу. СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм 1940 гъэм хагъэхьащ. Мечиев Кязим Безенгий аузым и Шыкъы хьэблэм къыщалъхуащ. УсакIуэм и адэм, тхыбзэр имыщIэми езым, щIыналъэм и имамым иригъэджэну иритащ. Мечиевыр мэжджытым щеджэм, хьэрыпыбзэр, персыбзэр, тыркубзэр, светскэ литературэр зригъэщIащ. Мечиев Кязим и япэ тхылъыр 1896 гъэм Дагъыстэным къыщыдагъэкIащ.

2581
Фотогалерея