Архиепископ Феофилакт гуэныхьхэр щыхуагъэгъу тхьэмахуэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

03.03.2020
Просмотры: 2434

2020 гъэм гъатхэпэм и 1-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу лиутргие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.

ИужькIэ архиепископ Феофилакт дагъэ зыщIэлъ шхыныгъуэхэр щашх тхьэмахуэр зэриухамкIэ ехъуэхъуащ Горячеводскэ станицэм и зэгухьэныгъэм и къэзакъхэм. Махуэшхуэм къэзакъхэм я деж къэкIуащ Псыхуабэ и Iэтащхьэ Скрипник Андрейрэ къалэ Думэм и унафэщI Похилько Людмилэрэ. Къэзакъхэм я нэгузыужь зэхыхьэр дагъэ зыщIэлъ тхьэмахуэр ягъэлъапIэу КИФЩI-м щызэхуащIыжащ.

А махуэм и пщыхьэщхьэм Пастыр нэхъыщхьэм пщыхьэщхьэ тхьэлъэIур Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ, щоджэнхэм я гъусэу. ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт нэщI Иным и тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. Члисэ къулыкъум къэкIуащ кафедральнэ къалэм и щоджэнхэр.

2434
Фотогалерея