Члисэм цIыхубэ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ

03.03.2020
Просмотры: 1870

2020 гъэм гъатхэпэм и 1-м Псыхуабэ и Комсомольскэ паркым, члисэ щаухуэну щIыпIэм и деж щагъэтIылъа мывэм и Iэгъуэблагъэм цIыхубэ зэхыхьэхэр къыщызэрагъэпэщащ. Бэзэрым, блины пщтырхэм, къэзакъ губгъуэ пщэфIапIэм, артистхэм махуэшхуэм и хьэщIэхэр ягъэгуфIащ нэщI Иным и пэ къихуэу. Зэхыхьэм хэтхэм фIэхъус ярихащ Псыхуабэ и Михайловскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Пимичев Димитрий.

1870
Фотогалерея