Архиепископ Феофилакт Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий Тхьэ хуелъэIуащ

24.02.2020
Просмотры: 3122

2020 гъэм мазаем и 23-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и цIэр зезыхьэ члисэ Порт-Артур къуажэм дэтым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэм, гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм. Литургие нэужьым Щихънагъ нэхъыщхьэм зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ икIи Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий игъэлъэпIащ. ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ.

3122
Фотогалерея