Псыхуабэ епархием и щоджэнхэр ветеранхэм ехъуэхъуащ

24.02.2020
Просмотры: 2129

Новоблагодарнэ къуажэм сабий гъэсапIэ №9-м махуэшхуэм ирихьэлIэу зэхыхьэ щрагъэкIуэкIащ, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм я ветеранхэр, сабийхэм я адэ-анэхэр, къуажэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий ирагъэблагъэри. Щоджэныр ветеранхэмрэ махуэшхуэм хэтхэмрэ ехъуэхъуащ, сабий гъэсапIэм и гъэсэнхэм хьэщIэхэр махуэшхуэ концерт ирагъэплъащ. Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и «Дружба» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ центрым Хэку зауэшхуэм и ветеранхэмрэ дзэ къулыкъум пэрытхэмрэ щехъуэхъуащ Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и гъэсэнхэмрэ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн нэхъыжь Попов Евгенийрэ. Щоджэныр хьэщIэхэм ехъуэхъуащ центрым и махуэшхуэмкIэ, ветеранхэм текIуэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ фIыщIэ хуащIри, щIалэгъуалэр къыхураджащ цIыхубэм зэрахьа лIыгъэр зыщамыгъэгъупщэну. Гимназием и «Жаворонушки» уэрэджыIакIуэ ансамбль Синявская Татьянэ зэригъакIуэм зауэм теухуа уэрэд игъэзэщIащ. Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и ветеранхэм Усть-Джегуты къалэм и Московскэ

хьэблэ цIыкIум и сабий унэм и гъэсэнхэм я гъусэу «И невозможное возможно» махуэшхуэ театр теплъэгъуэм ирагъэплъащ жьы хъуахэм я Республикэ интернатым щыпсэухэр. Члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александррэ сабийхэмрэ ветеранхэм ехъуэхъуащ икIи саугъэтхэр иратащ.

2129
Фотогалерея