Архиепископ Феофилакт адэ-анэхэм я щэбэт тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

23.02.2020
Просмотры: 1939

2020 гъэм мазаем и 21-22-хэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ адэ-анэхэм я щэбэт тхьэлъэIур. ТхьэлъэIу литургием хыхьэу мазаем и 22-м щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъу дищIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэмрэ епархием и щIалэгъуалэ центрхэр зи нэIэм щIэт щоджэнхэмрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм еджа нэужь архиепископ Феофилакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым архиепископ Феофилакт дунейм ехыжа чристэнхэм папщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ.

1939
Фотогалерея