Архиепископ Феофилакт IущIащ Синод къудамэм хэтхэм

20.02.2020
Просмотры: 3224

2020 гъэм мазаем и 17-19-хэм Псыхуабэ епархием и къулъшырыфхэм щыIащ къулъшырыфхэмрэ монаххэмрэ я Синод къудамэм хэтхэр. Иерусалим и Кресто-Воздвиженскэ ставропигиальнэ цIыхубз къулъшырыфым и игумение унафэщI Екатеринэрэ (Чайноковэ) Рязан епархием и Иоанно-Богословскэ цIыхухъу къулъшырыфым и унафэщI игумен Исаакскийрэ (Иванов) монах гъащIэм зыхагъэгъуэзащ, къулъшырыфым щыIэ щIэныгъэмрэ социальнэ Iуэхугъуэхэмрэ. Коллегием хэтхэр апхуэдэу Архыз Ищхъэрэм и лъапIэныгъэхэм щыIащ.

Псыхуабэ епархием и унэм Синод къудамэм и коллегием хэтхэр щригъэблэгъащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Пастыр нэхъыщхьэм Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл фIыщIэ хуищIащ Псыхуабэ епархием и къулъшырыфхэм и нэIэ зэрытригъэтым папщIэ икIи Синод къудамэм и унафэщI Феогност.

3224
Фотогалерея