Епархием и щоджэным зыкъыщигъэлъэгъуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм я фэеплъ пшыхьым

14.02.2020
Просмотры: 2864

2020 гъэм мазаем и 13-м Псыхуабэ къалэм и Тхьэнапищ члисэм щекIуэкIащ Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа и щихъхэм я фэеплъ пшыхьыр. Ар ирагъэжьащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм стихирыр жаIэу. Члисэм щоджэнхэр, тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр, екIуэлIапIэм кIуэхэр щызэхуэсащ. Зэхыхьэм зыкърагъэхьэлIащ Псыхуабэ, Черкесск епархием и щоджэн нэхъыжь Устименкэ Филипп, епархием и богословскэ-катехизатор курсхэм я унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович Олег.

Щоджэным и псалъэхэр гукъинэж ящыхъуащ пшыхьым хэтхэм. И щIалэгъуэм Филипп Тхьэм и фIэщхъуныгъэр зыхищIащ, Тхьэм и нэфI зыщыхуахэм епсалъэурэ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ. ГукъэкIыжхэм куэд къыпэджэжащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм я упщIэхэм жэуап иратащ.

2864
Фотогалерея