Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм я фэеплъыр Псыхуабэ епархием и екIуэлIапIэхэм ягу къыщагъэкIыжащ

10.02.2020
Просмотры: 2103

2020 гъэм мазаем и 9-м Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зыIуэтэжа и щихъхэм Псыхуабэ епархием и екIуэлIапIэхэм Тхьэ щыхуелъэIуащ. Суворовскэ станицэм и члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман екIуэлIапIэм и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм къыхутеувыIащ Урыс члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча и щихъхэм. УнафэщIыр тепсэлъыхьащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Пётр, Крутицкий и митрополитым и гъащIэм. Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и зэгухьэныгъэм игъэлъэпIащ члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм я фэеплъу ягъэнэхуар. Литургие нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ зэфIэкIа нэужь, екIуэлIапIэм кIуэхэм ехъуэхъуащ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн. Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм я тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я гъусэу щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий. Тхьэмахуэ школым и дерсхэр апхуэдэу траухуащ Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжа и щихъхэм. ЕкIуэлIапIэм и музейм щагъэлъэгъуащ «Святые против мятежа» фильмыр икIи тепсэлъыхьащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Димитрий (Гливенкэ), Кисловодск къулыкъу щызыщIам.

Кисловодск и Крестовоздвиженскэ члисэм и щоджэн Лиманов Георгий тхьэмахуэ школым и еджакIуэхэм хутепсэлъыхьащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Лисицын Михаил, члисэм 1895-1906 гъэхэм унафэщIу щыIам, дерс нэужьым Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм буклетхэр тыгъэ хуащIащ. Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча щихъхэм траухуащ «Умники и умницы» викторинэр. Абы щызэхуэсащ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школхэм, Кисловодск и Пантелеимоновскэ члисэм, Кавказскэ къуажэм и Георгиевскэ члисэм, Псыхуабэ благочинием и тхьэмахуэ школхэм я члисэ зэхуэхьэсахэм щыщ цIыху 30. Зэхьэзэхуэм бысымхэр щытекIуащ, етIуанэ хъуащ Псыхуабэ щыщ хьэщIэхэр, ещанэ увыпIэр лъагъэсащ Кисловодск къикIа гупым. Саугъэтхэм къадэкIуэу еджакIуэхэм тыгъэ хуащIащ «Святые наших дней» тхылъыр, Къэрэшей-Шэрджэсым фIэщхъуныгъэ зиIэ и щихъхэм ятеухуар.

Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм зэрахьа лIыгъэм траухуащ Ясная Поляна къуажэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и «Остров» центрым и гъэсэнхэм щоджэн Савченкэ Роман ядригъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэр. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ 1917 гъэм къэхъуа Iуэхугъуэм и щIэдзапIэм и щхьэусыгъуэхэр, фIэщхъуныгъэм папщIэ зэхэзехуэн щыIам къытеувыIащ.

2103
Фотогалерея