Минераловодскэ къэзакъхэм Минераловодскэ ГКО-м и атаманыр зи пашэ «Къэзакъ щэнхабзэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэ» фондымрэ Тэрчыдзэм и атаманым и япэ къуэдзэ Губенкэ Олегрэ щIыгъуу, зи чэзу этнографие проектыр и кIэм нагъэсащ. Минводы и къэзакъ управэм и Iэгъуэблагъэм къызэрыгуэкI курень щаухуащ.
2020 гъэм щIышылэм и 21-м куреныр къэзакъ щэнхабзэр фIыуэ зылъагъухэм я Тэрч зэгухьэныгъэ зэIущIэм хыхьэу къызэIуахащ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэм мы гъэм илъэситху зэрырикъур егъэлъапIэ. Ставропольем и къэзакъхэм, щоджэнхэм, щIэныгъэ лэжьакIуэхэм, акъылыфIхэм я лIыкIуэхэр, Кубаным и хьэщIэхэр тепсэлъыхьащ зэфIагъэкIахэмрэ къапэщылъхэмрэ. Зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр – тхыдэ узэщIыныгъэрщ, къэгъэщIэрэщIэжынырщ, къэзакъ щэнхабзэр зэбгырыгъэкIынырщ.
ЗэIущIэ нэужьым Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ, «Къэзакъ щэнхабзэр фIыуэ зылъагуъхэм я Тэрч зэгухьэныгъэ» фондым и попечительскэ советым и унафэщI, тэрчхэм къащIэхъуа Феофилакт куреныр игъэнэхуащ. «Сэ унэм сыщIыхьащ, жьэгу хуабэм и мэр зэхыбощIэ, иджы ар зэрыгъэнэхуар, абы Тхьэ зэрыщелъэIуар зэхыбощIэ. Тхьэм и арэзыныгъэкIэ, къэзакъ нэчыхьыр мыбы япэу щатхыну согугъэ, хьэгъуэлIыгъуэ щрагъэкIуэкIыну, сабийхэр умэхъын щащIыну, жор адэхэм я жор бынхэм саугъэтхэр щратыну. Тхьэм жиIэ мыр музей пэлъытэ къудей мыхъуу, унэр гъащIэкIэ щыз хъуну», - жиIащ архиепископ Феофилакт.
Ухуэныгъэр – къэзакъ псэупIэ XIX лIэщIыгъуэм яухуар щызэрагъэпэщыжащ. Иджырей къэзакъхэм куреныр мазиблкIэ яухуэрт, Губенкэ Олег зэрыжиIэмкIэ, пасэрей Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, ятIагъуэр, хьэуазэр, шы вэнвейр, пхъэр къагъэсэбэпу. Зы къат хъу сэман унэм кхъуэщын телът, революцэм и пэкIэ тралъхьауэ, Золотаревхэ я заводым и чырбышым щыщ, Ставрополь крайм и Александрийскэ станицэм и Урысей империем и зэманым лэжьам. Куреным и кIуэцIыр унэлъащIэжь щIэтщ, Iэмэпсымэхэр щIыгъуу. Хьэпшыпхэми тхыдэ
гъуэгуанэ къакIуащ: ету, кхъуэщын, зэрыдэ машинэ, шкатулкэ, стIолтепхъуэ, пасэм къагъэсэбэпу щытахэр. Унэм урыс жьэгуи итщ, Нинэ и къуажэм дэс IэпщIэлъапщIэм и Iэдакъэ къыщIэкIар.
Куреныр къэзакъ щэнхабзэ тхыдэ центрым и экспонат хъунущ, къэзакъ члисэр, Шэшэным щыхэкIуэда къэзакъ-минераловодецийм я фэеплъыр, къэзакъ музейм и пэшитIыр щIыгъуу зыхыхьэр. ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу ещанэ залыр къызэIуахынущ, къэзакъхэр Хэку зауэшхуэм зэрыхэтар къыщыгъэлъэгъуэжауэ щытынур.