Сабий ныкъуэдыкъуэхэр щыIащ Кисловодск и екIуэлIапIэ музейм

20.01.2020
Просмотры: 2109

Махуэшхуэхэм ирихьэлIэу зи узыншагъэм къимыхь, щIэныгъэм хэмызагъэ сабийхэр я адэ-анэхэм я гъусэу щыIащ Кисловодск къалэ зыгъэпсэхупIэм и «Святыни земли родной» музейм. НыбжьыщIэхэм зыхагъэгъуэзащ музейм щIэлъ хьэпшыпхэм, члисэ зэхуэхьэсам теухуа хъыбархэми едэIуащ. Сабийхэм тхылъыжьхэр зэрагъэнзэкIащ, ХIХ лIэщIыгъуэм щыIа Iэмэпсымэхэм зыхагъэгъуэзащ. Зэхыхьэр и кIэм щынэсым ныбжьыщIэхэр Христос и хъуромэм теухуа мультфильм еплъащ икIи IэфIыкIэхэр къратащ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн къыбгъэдэкIыу.

2109
Фотогалерея