Архиепископ Феофилакт сочельник тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

19.01.2020
Просмотры: 3080

2020 гъэм щIышылэм и 18-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиемрэ псыежэхыр гъэнэхун къулыкъу инымрэ щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.

УзэщIыныгъэм архиепископ Феофилакт тхьэ дахуелъэIуну дыкъыщыхуриджащ, жор адэ-анэ дызыхуэхъуахэм, Тхьэр къызэрыдгъэгугъуахэр абы дигу къигъэкIыжащ. «Ди текIуэныгъэхэр къыщыдэхъулIэнур ди гуэныхьым дытекIуэмэщ. ГъуэгущIэ къыхэтхмэщ ар лъэныкъуэ щытхуегъэзынур, ди адэм и унэм дыхуэзышэжыр!» - жиIащ Щихънагъым. А махуэм и пщыхьэщхьэм Пастыр нэхъыщхьэм махуэшхуэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Черкесск и Покров члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Щихънагъым тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэ ялъигъэIэсащ.

3080
Фотогалерея