Прохладнэм и махуэшхуэм япэу гуащэ театрым зыкъыщигъэлъэгъуащ

12.01.2020
Просмотры: 2192

Тхьэм и Анэм и члисэ зэхуэхьэсам и махуэм Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм сабийхэм я зэхыхьэр щрагъэкIуэкIащ. Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм Христос уэрэдхэмкIэ ягъэлъэпIащ, усэ къеджащ, къуажэхьхэр къащIащ, къэфащ, джэгуащ. Саугъэт хъуащ гуащэ театрым игъэува «Рождественский колобок» таурыхъыр. Сабийхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэм япэу ирагъэлъэгъуащ Гуащэ театрыр. Махуэшхуэр щиухым саугъэтхэр ягуэшащ, шей зэдефащ.

2192
Фотогалерея