Архиепископ Феофилакт хъуромэ сочельник къулыкъур иригъэкIуэкIащ

07.01.2020
Просмотры: 2318

2020 гъэм щIышылэм и 6-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам Хъуромэ сочельник къулыкъур щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къалэдэсхэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым игъэнэхуащ икIи дагъэрэ форэ зыщIэлъ шхыныгъуэр яхуигуэшащ тхьэлъэIум хэтхэм, Христос и хъуромэ тропарыр щоджэнхэм я гъусэу игъэзэщIащ.

2318
Фотогалерея