Кисловодск щехъуэхъуащ ОПК-мкIэ къалэм щекIуэкIа олимпиадэм щытекIуахэм

05.01.2020
Просмотры: 2492

Кисловодск къалэм и «Знамение» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ центрым щагъэлъэпIащ чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ «Русь Святая, храни веру православную!» олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэмрэ саугъэтхэр зыщыхуагъэфэщахэмрэ.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэр къызэIуихащ Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн. УнафэщIым фIыщIэ хуищIащ олимпиадэм хэтхэм, урыс чристэн щэнхабзэр зэраджым папщIэ икIи текIуахэмрэ саугъэтхэр зыхуагъэфэщахэмрэ ехъуэхъуащ. ИужькIэ гимназием и къэфакIуэ ансамблым махуэшхуэ концерт итащ. НыбжьыщIэхэм хъуромэ уэрэдхэр жаIащ. Олимпиадэм хэтхэмрэ саугъэтхэр къыщызыхьахэмрэ щIыхь тхылъхэр, сертификатхэр, саугъэтхэр иратащ. Зэхыхьэр щиухым Iэнэм щысахэщ икIи зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.

2492
Фотогалерея