Лермонтовэ, ЕссэнтIыгу благочиниехэм я щоджэнхэр гуэныхьхэр яIуэтэжыну зэхуэсащ

01.01.2020
Просмотры: 2534

Лермонтовэ къалэм и Георгиевскэ члисэм щекIуэкIащ Лермонтовскэ благочинием и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэж зэхыхьэ. Щэхухэр иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Дьячков Александр. Щоджэным гу лъаригъэтащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл Епархием и зэIущIэ Москва къалэм щекIуэкIам щищIа докладым, гуэныхьхэр Iуэтэжынымрэ иджырей пастыр къулыкъумрэ триухуам.

ЕссэнтIыгу станицэм и Успенскэ члисэм ЕссэнтIыгу благочинием и щоджэнхэм гуэныхьхэр щаIуэтэжащ. Щэхухэр иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Лобков Анатолий. Щоджэнхэм ягу къигъэкIыжащ я къалэнхэр икIи Тхьэм и деж щахь жэуапыр, щоджэн къулыкъур щагъэзащIэкIэ. Гуэныхьхэр яIуэтэжа нэужь, зэхуэс къызэрагъэпэщащ, 2019 гъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжар.

2534
Фотогалерея