2019 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ КъШР-м и Усть-Джегута къалэм и Михайловскэ члисэм.
Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэр, гъунэгъу къалэхэмрэ станицэхэмрэ икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, Жорым ба хуащIыну яритащ, екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ.