Налшык округым и щоджэнхэр тепсэлъыхьащ махуэшхуэ тхьэлъэIухэм зэрызыхуагъэхьэзырынум

26.12.2019
Просмотры: 1989

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м Налшык члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин я пашэу зэIущIэ щекIуэкIащ. Щоджэнхэр тепсэлъыхьащ махуэшхуэ тхьэлъэIухэм зэрызыхуагъэхьэзырынум, къэрал органхэм щIэблэр гъэсэным и IуэхукIэ хуиIэ пыщIэныгъэхэм, екIуэлIапIэм и гъащIэм ехьэлIа нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм.

Гуэныхьхэр яIуэтэжыным и пэ къихуэу округым и щоджэн нэхъыжь Дьячков Александр гу лъаригъэтащ щоджэнхэм я лэжьыгъэм, ягу къигъэкIыжащ тхьэлъэIум и мыхьэнэр, щэхухэр егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ.

1989
Фотогалерея