2019 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Карачаевск и Пантелеимоновскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, члисэм и унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергий, къардэн Копач Пётр сымэ. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи жорыр яритащ ба хуащIын папщIэ. Архиепископ Феофилакт Кубань къэзакъыдзэм и Баталпашинскэ къудамэм и атаман подъесаул Шеховцов Игорь зригъэцIыхуащ. Ар 2019 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м зэхуэсым щыхахащ. Пастыр нэхъыщхьэмрэ атаманымрэ тепсэлъыхьащ Къэрэшей-Шэрджэсым и къэзакъ классхэм зэрыдэIэпыкъунум.