Красногорскэ станицэм щыпсэухэм архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI тыгъэр иратащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм ирихьэлIэу

21.12.2019
Просмотры: 2475

2019 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м, щихъ, телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и фэеплъ махуэм, члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр ягъэлъэпIащ КъШР-м и Красногорскэ станицэм и члисэм екIуалIэхэмрэ хьэщIэхэмрэ.

ТхьэлъэIу литургиемрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ ирагъэкIуэкIащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александррэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Петров Александррэ. ТхьэлъэIум хэтащ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIахэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр, къэзакъхэр.

ТхьэлъэIу нэужьым благочиннэм екIуэлIапIэм кIуэхэм иритащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Флегинский Александр и къарум щыщ Iыхьэхэр. Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчам станицэм илъэс 23-кIэ къулыкъу щищIащ 1885 гъэм щыщIэдзауэ 1908 гъэ пщIондэ, умэхъын ищIащ, красногорецхэм папщIэ уэрэд жиIащ, псалъэкIэ, щапхъэкIэ гъуэгу захуэм тригъэуващ икIи иджы къулыкъу зыхуищIахэм я щIэблэм къахыхьэжащ, станицэм дэсхэм ядэIэпыкъун папщIэ.

ИужькIэ махуэшхуэм хэтхэр ирагъэблэгъащ псапэ шэджэгъуашхэм.

2475
Фотогалерея