В Свято-Троицкэ къулъшырыфым ягу къыщагъэкIыжащ игумение Антоние

29.11.2019
Просмотры: 2782

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м, Свято-Троицкэ Серафимовскэ цIыхубз къулъшырыфым и япэ унафэщIу щыта игумение Антоние (Бобылевэ) дунейм щехыжа махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ къулъшырыфым и Троицкэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Налшык члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Кавказым и Минводрэ и екIуэлIапIэхэм икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.

Литургие нэужьым Щихънагъым, щоджэнхэм я гъусэу, тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Антоние щыщIалъхьэжа щIыпIэм икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. «Игумениер дунейм щехыжа махуэм и япэ илъэсым, къулъшырыфым дыщызэхуос, Тхьэм и арэзыныгъэкIэ дылъаIуэу, Христос и Хъуромэ зекIуэр едгъэжьэну! Ди зэгъусэ тхьэлъэIур хабзэ дахэ хъуну си фIэщ мэхъу: къулъшырыфым тхьэлъэIур щедгъэжьэну! Антоние и псэр зэгъэну Тхьэм

солъэIу икIи Тхьэр къыдэIэпыкъуну, Тамарэрэ шыпхъухэмрэ монах къулыкъур щрахьэкIкIэ Тхьэм закъыщIигъэкъуэну сохъуэхъу» - жиIащ архиепископ Феофилакт.

2782
Фотогалерея