Епархием и курсым и унафэщIым ПГУ-м и конференцэм зыкъыщигъэлъэгъуащ

23.11.2019
Просмотры: 2320

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 20-24-хэм Псыхуабэ къэрал университетым щокIуэкI славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр зэрагъэлъэпIэнум зэрызыхуагъэхьэзырынум теухуа урысейпсо конференцэ. Зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ УФ-м узэщIыныгъэмкIэ министерствэм, щIалэгъуалэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм, Ставропольем и щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэм. Урысейм и щIыналъэ 50-м щIигъу зэхыхьэм зэхуишэсащ – филолгиемрэ литературэмрэ я егъэджакIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьакIуэхэр, щоджэнхэр, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр.

Псыхуабэ епархием и Богословско-катехизатор курсхэм я унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович Олег конференцэм хэтхэм яхутепсэлъыхьащ славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр епархием и екIуэлIапIэхэм зэрыщагъэлъэпIэнум. Пленарнэ зэIущIэм щоджэным къыщыхигъэщащ узэщIакIуэ зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ тхыбзэр къызэрызэрагъэпэщам и фIыгъэкIэ Инджылыр славянхэм хахьа зэрыхъуар.

2320
Фотогалерея