2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 11-м КъБР-м и Прохладнэ къалэм къэзакъ зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий и фэеплъу.
Зэпеуэм щызэхуэсащ Налшык, Май, Прохладнэ районхэм, Шэшэн республикэм и Наур районым я гупитху. Футбол цIыкIумкIэ, армлестлингымкIэ, гырэмкIэ, нэгъуэщI спорт унэтIыныгъэхэмкIэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Шэшэн республикэм и Наур районым и къэзакъхэм япэ увыпIэр къахьащ, етIуанэр хуагъэфэщащ Май районым и къэзакъхэм, ещанэр иратащ Прохладнэ къалэм и гупым. Зэхьэзэхуэхэм и пэ къихуэу абы хэтхэм фIэхъус ярихащ икIи зэпеуэр къехъулIэну захуигъэзащ Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрей.