Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щIыналъэ лъапIэм кIуэхэр зэхуишэсащ

09.11.2019
Просмотры: 1969

2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Маруха къуажэм щагъэлъэпIащ члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшухэр. 2005 гъэм щыщIэдзауэ Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэшхуэр, къуажэми пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм ирихьэлIэу я бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ я гъусэу куэд къокIуалIэ. Члисэр кхъэм и Iэгъуэблагъэм щаухуащ, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIуныр дунейм ехыжахэр ягу къыщагъэкIыж махуэ хъуащ. Махуэшхуэм тхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений. Благочиннэм къулыкъур драгъэкIуэIкащ къуажэ члисэм и унафэщI иеромонах Александр (Емельянов), Кисловодск къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий. Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ къуажэдэсхэмрэ ирагъэблэгъащ псапэ шхапIэм.

1969
Фотогалерея