Псыхуабэ щрагъэжьащ дзэм къулыкъу щызыщIынухэр

19.10.2019
Просмотры: 2038

2019 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м Псыхуабэ и дзэ комиссариатым щрагъэжьащ дзэм къулыкъу щызыщIэну ираджахэр. Ветеранхэр, сэлэтхэм я анэхэм я Комитетым и лIыкIуэхэр, администрацэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щIалэхэм ехъуэхъуащ. Псыхуабэ епархием и лIыкIуэу зэхыхьэм хэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм ядэлэжьэнымкIэ епархием и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин. Щоджэныр дзэм къулыкъу щызыщIэнухэм ехъуэхъуащ щIыхь пылъу я къулыкъур ирахьэкIыну, щIэхыу я унэ къагъэзэжыну.

2038
Фотогалерея