«ДыгъафIэ къалэм» игъэлъэпIащ илъэсиплI зэрырикъур

11.10.2019
Просмотры: 2057

Мы махуэхэм епархием и «ДыгъафIэ къалэ» центрым игъэлъэпIащ илъэсиплI зэрырикъур. Махуэшхуэм ирагъэблэгъащ Центрым и ныбжьэгъухэр, волонтёрхэр, гуапагъэ зыщIэ шыпхъухэр, егъэджакIуэхэр. «ДыгъафIэ къалэм» и махуэм ирихьэлIэу ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр ныбжьыщIэхэм тыгъэ яхуищIащ «От Незнайки к Познавайке и очиститель воздуха» проектыщIэм папщIэ ноутбукиплI.

Махуэшхуэм папщIэ ныбжьыщIэхэм концерт ягъэлъэгъуащ. «ДыгъафIэ къалэм» и унафэщI Земцевэ Екатеринэ егъэджакIуэхэм тыгъэ яхуищIащ фIыщIэ тхылъхэр, адэ-анэхэм фэеплъ саугъэтхэр иратащ. «Эльф» студием ныбжьыщIэхэм папщIэ анимацэ гъэщIэгъуэн игъэхьэзыращ. Концерт нэужьым гуапагъэ зыщIэ шыпхъухэр, волонтёрхэр, адэ-анэхэр я бынхэм я гъусэу махуэшхуэ Iэнэм щысащ.

2057
Фотогалерея