Щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин щыIащ епархием и къудамэхэм тутнакъым къулыкъу щыщIэнымкIэ и унафэщIхэм папщIэ къызэрагъэпэща егъэджэныгъэ семинарым, Урысей ФСИН-м и лэжьакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ Санкт-Петербург институтым щекIуэкIам. Программэр тещIыхьауэ щытащ щоджэнхэм тезырхэр егъэпшыныным теухуахэм, тезыр зыпшынахэр гъащIэм хэгъэзэгъэжыным, щоджэнхэм тутнакъым къулыкъу щащIэкIэ щыIэ тхьэлъэIу, практикэ щхьэхуэныгъэм яхутепсэлъыхьыным. Семинарым и программэм хагъэхьащ тезыр щрагъэпшын колониехэм дерсхэр, тутнакъхэм, Урысей ФСИН-м IуэхущIапIэу Санкт-Петербург щыIэхэм къыщаутIыпщыжахэм. Право, психологие дерсхэмкIэ къызэрагъэпэща лекцэхэр щоджэнхэм щхьэпэ яхуэхъуащ.