Тхьэмахуэ кIуам епщIанэ «Джэгу къабзэхэм» хэта цIыху 50-м щIигъум Бештау бгым щызэхуахьэсащ пхъэнкIий къэп 98-рэ. Псыхуабэ, Лермонтовэ къикIа щIалэгъуалэм зэхадзащ кIэрыхубжьэрыхухэм я Iыхьэ плIанэр. Джэгухэм хэтащ чристэн щIалэгъуалэри, 2019 гъэм джэгухэм я дамыгъэу нып хужьыр къэзыгъэлъэгъуахэр.
Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым текIуахэр саугъэткIэ щагъэлъэпIащ. Къулъшырыфым щыщхэм абы хэтахэм шхапIэм шэджэгъуашхэ щрагъэщIащ.