Къэзакъ тIощIым члисэм тхьэрыIуэ щащIащ

25.09.2019
Просмотры: 2171

Тхьэм и Анэм и Хъуромэ махуэшхуэм къэзакъ тIощI «Пернач» дзэ-патрриот клубым и курсант хъуащ. Клубыр ЕссэнтIыгу щыпсэухэм я дежкIэ цIэрыIуэщ гъэсэныгъэ дахэ зэрахэлъымкIэ, зыр зым зэрыдэIэпыкъумкIэ, спорт, щIэдзапIэ дзэ Iуэхум зэрыхуагъэхьэзырымкIэ. Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм тхьэрыIуэ щащIащ. УнафэщI щоджэн нэхъыжь Сахно Андрей ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ хуэныкъуэхэм дэIэпыкъуну, ныбжьэгъугъэ быдэм и щапхъэу зыкъагъэлъэгъуэну. Щоджэным къыхигъэщащ жэрэгъухэм хуагъэгъун зэрыхуейр.

2171
Фотогалерея