КъегъэлакIуэхэр Кисловодскрэ Черкесскрэ я члисэхэм Тхьэ щелъэIуащ

20.09.2019
Просмотры: 2748

2019 гъэм фокIадэм и 17-м Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн фIыщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ Тхьэм и Анэм и «Неопалимая Купина» тхьэнапэм и махуэшхуэм и щIыхькIэ. Члисэ зэхуэхьэсам Тхьэ щелъэIуну къэкIуащ Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и мафIэсгъэункIыфI частым и унафэщIым и къуэдзэ Григорян Владимир я пашэу. УнафэщIыр къегъэлакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ, я къулыкъур зэрырахьэкIым папщIэ фIыщIэ яхуищIри, дэтхэнэми тыгъэ хуищIащ Тхьэм и Анэм и «Неопалимая Купина» тхьэнапэр, дяпэкIи зэдэлэжьэну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ.

А махуэ дыдэм Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам кIуащ Урысей МЧС-м КъШР-м щиIэ управленэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэм къэралкIуэцIыдзэм и подполковник Дергоусов В. я пашэу. МЧС-м и офицерхэм члисэм щыIущIащ кадетхэр. – «КъегъэлакIуэ ныбжьыщIэхэр», Свято-Сергиевскэ гимназием щеджа къегъэлакIуэхэм щIэныгъэм щыпащэ Черкесск къалэм егъэджэныгъэмкIэ и центр №5-м.

Тхьэм и Анэм и «Неопалимая Купина» тхьэнапэм деж тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Архиерей пщIантIэм и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий. МафIэсгъэункIыфI ныбжьыщIэхэр усэ къеджащ, итIанэ Архиерей пщIантIэм кIуащ. Ключарым абы мафIэс, техникэ щхьэхуэхэр щигъэнэхуащ.

***

МЧС-м и лэжьакIуэхэр «Неопалимая Купина» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм и тхьэлъэIухэм хэтыныр хабзэ хъуащ. Урысей къегъэлакIуэхэм Тхьэм и Анэм къихъумэу къалъытэ. Тхьэм и Анэм и «Неопалимая Купина» теплъэм деж зэпымыууэ тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIыу къекIуэкIащ.

2748
Фотогалерея