Гимназием и гъэсэнхэр Кисловодск щыпсэухэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ

16.09.2019
Просмотры: 2036

2019 гъэм фокIадэм и 14-м Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и махуэр ягъэлъэпIащ. ГуфIэгъуэ зэхыхьэр къыщызэIуахащ къалэ администрацэм деж. Махуэшхуэр ирагъэжьащ сабий творческэ гупхэм зыкъагъэлъагъуэу, «Театральный бульвар – 2019» фестивалым и лауреатхэм я парадкIэ. Абы хэтащ Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и артист ныбжьыщIэхэр. Къалэдэсхэм фIэхъус ирахащ икIи къалэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ Кисловодск къалэм и Iэтащхьэ Курбатов Александр, къалэ думэм и унафэщI Волошинэ Любовь, дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм.

Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий щIыналъэм щыпсэухэм къалэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи мамырыгъэр ялъытэну, дэтхэнэ зы махуэми щыгуфIыкIыну захуигъэзащ.

Телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и скульптурэ теплъэм деж щоджэн нэхъыжь Димитрий унагъуэ зыухуэну щIалэмрэ хъыджэбзымрэ, илъэс 50-кIэ зэдэпсэуа зэщхьэгъусэмрэ. Синявская Татьянэ и унафэм щIэт уэрэджыIакIуэ ансамблым «Гимн семьи» уэрэдыр игъэзэщIащ.

Махуэшхуэм пащащ зэпеуэхэр, джэгухэр, концертхэр къызэрагъэпэщри. Концерт утым гимназием и гъэсэнхэм махуэшхуэм и хьэщIэхэр щагъэгуфIащ, къэзакъ уэрэдхэр жаIэри.

Пщыхьэщхьэм, Нарзаннэ галереем деж къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ ехъуэхъуащ Кисловодск члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн. Благочиннэм архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъур ялъигъэIэсащ, хьэщIэхэмрэ къалэдэсхэмрэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи ягу къигъэкIыжащ 2019 гъэм къалэм и махуэр члисэ илъэсыщIэм ирихьэлIэу зэрагъэлъапIэр. Щоджэныр ехъуэхъуащ илъэсыщIэм гъащIэр нэхъри купщIафIэ, гуфIэгъуэ хъуну.

2036
Фотогалерея