Ахтубинскэ епархием и щIалэгъуалэр Тхьэ щелъэIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и лъапIэныгъэхэм деж

28.08.2019
Просмотры: 2072

Ахтубинскрэ Енотаевскрэ я епископ Антоний Псыхуабэ, Ахтубинскэ епархием и щоджэнхэм я гъусэу тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ бегъымбар Илия и цIэр зезыхьэ алан пасэрей члисэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Архыз Ищхъэрэ къалэм щыIэм. ТхьэлъэIум хэтащ Ахтубинскэ епархием и щIалэгъуалэ къудамэм жыджэру хэтхэр, Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуэм. ТхьэлъэIу нэужьым щIыналъэ лъапIэм шэджэгъуашхэм ирагъэблэгъащ Александро-Невскэ Второафонскэ пшахъуэщIым щыIэхэр. ИужькIэ хьэщIэхэм зыщаплъыхьащ Архыз Ищхъэрэм и Георгиевскэ, Троицкэ члисэхэм. ИтIанэ Христос и Архыз Ликым дэкIащ.

2072
Фотогалерея