Кисловодск зи махуэр зыгъэлъапIэ цIыху тIощIым щIигъум щехъуэхъуащ

27.07.2019
Просмотры: 1894

2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 24-м Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэлъэIу литургием зи махуэр зыгъэлъапIэ тIощIым щIигъум щехъуэхъуащ. Члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн екIуэлIапIэм кIуэхэм литургие нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ иужькIэ щехъуэхъуащ икIи дэтхэнэми тхьэнапэрэ просфорэрэ тыгъэ хуащIащ. Члисэ зэхуэхьэсам а махуэм ирихьэлIэу къыщызэIуахащ апостол пэлъытэ Ольгэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэ, екIуэлIапIэм и музейм щагъэлъэгъуащ пащтыхь гуащэм и гъащIэм теухуа фильм.

1894
Фотогалерея