2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 18-м, щихъ Радонижский Сергий и къарум щыщ Iыхьэхэр къыщыIэрыхьам, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Комсомолец къуажэм и Сергиевскэ члисэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ.
ТхьэлъэIу литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Новопавловскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн Цапко Владислав, апостол пэлъытэ, джыназ Владимир и цIэр зрихьэу КъБР-м и Новополтавскэ къуажэм дэт члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сацук Павел, къардэн Копач Пётр сымэ я пашэу. Махуэшхуэм щызэхуэсащ къуажэдэсхэр, гъунэгъу къалэхэмрэ станицэхэмрэ къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
ТхьэлъэIу литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм зэгъусэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ щихъ Сергий папщIэ. Щихънагъ нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм кIуэхэм махуэшхуэ Iэнэм щепсэлъащ.