Архиепископ Феофилакт хамэ къэрал щыщ хьэщIэхэр иригъэблэгъащ

19.07.2019
Просмотры: 2931

Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и лъапIэныгъэхэм я деж къэкIуащ Австралием, США-м, Канадэм щыщхэм Монреальрэ Канадэрэ я архиепископ Гавриил я пашэу. Псыхуабэ епархием и хьэщIэхэм я нэхъыбэр урыс Iэпхъуэшапхъуэхэм я щIэблэщ. РПЦЗ-м и лIыкIуэхэм илъэс зыбжанэ хъуауэ Урысейм и лъапIэныгъэхэм зыщаплъыхь, Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ. ЗекIуэр къызэрегъэпэщ Сологуб Галинэ.

2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 17-м щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щригъэблэгъащ Успенскэ Второафонскэ, Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым. Иджыблагъэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и лъапIэныгъэхэми щыIащ, Псыхуабэ и члисэхэри хыхьэу. Дыгъуасэрэ нобэрэ хьэщIэхэм зыхагъэгъуэзащ ЕссэнтIыгу, Кисловодск, Къэрэшей-Шэрджэсым и лъапIэныгъэхэм.

2931
Фотогалерея