2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 13-м, апостол 12-м я члисэ зэхуэхьэса махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Преграднэ станицэм и Кирилломефодиевскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу къулыкъур ирагъэкIуэкIащ Преграднэ къуажэм щыпсэухэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и гъунэгъу къалэхэмрэ станицэхэмрэ къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым апостолхэр щигъэлъэпIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ.