2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щихъ апостолхэу Пётррэ Павелрэ я махуэшхуэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ.
Махуэшхуэм и пэ къихуэу Пастыр нэхъыщхьэм тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Щихънагъ нэхъыщхьэм тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ.
Махуэшхуэм архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр Зеленчукскэ станицэм и Петропавловскэ члисэм щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм тхьэлъэIу къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгенийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Махуэшхуэм щызэхуэсащ станицэдэсхэр, къэзакъхэр, Къэрэшей-Шэрджэсым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.
Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм, Зеленчукскэ станицэм щыпсэухэм ягъэлъэпIащ щIыналъэр илъэси 160-рэ зэрырикъур. ТхьэлъэIу нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэм станицэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ ехъуэхъуащ.