«Зеленый Афон» зэхуэсым хэтхэм тхьэмахуэр Iэмэпсымэншэу ягъэкIуэнущ

01.07.2019
Просмотры: 3098

2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м епщыкIуханэу Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым къыщызэIуахащ Псыхуабэ епархием и «Зелёный Афон» щIалэгъуалэ зэхуэсыр. А къалэ цIыкIум пщIэншэу зыщагъэпсэху тхьэмахуэ школхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэм я унагъуэхэмрэ щыщ ныбжьыщIэ 53-м. Абы ящыщщ Ставропольем, Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм щыщхэр.

Палаткэм зэрыщыпсэум ныбжьыщIэхэр гугъу иригъэхьыркъым, щэ ягъашхэ пщтыру. Зэхуэсым езым и зэкIэлъыхьыкIэ иIэжщ. Махуэр тхьэлъэIукIэ ирагъажьэ икIи щоджэным мафIэм пэрысу йопсэлъылIэ. «Зелёный Афон» зэхуэсым хэтхэм упщIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм я жэуапхэр ират.

КъищынэмыщIауэ, гъэсакIуэу зэхуэсым щыIэ студентхэм сменэ къэс хуагъэхьэзыращ джэгухэр, зэпеуэхэр, уэрэдхэр, теплъэгъуэхэр, цIыху гъэщIэгъуэнхэм я зэIущIэхэр, гъунэгъу щIыпIэхэм зыплъыхьакIуэхэр. Зэхуэсым хэтхэм Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпкъым тхьэмахуэм къриубыдэу. Телефоныр махуэм зы сыхьэткIэ яIыгъщ я адэ-анэхэм епсэлъэн папщIэ.

Епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм и къызэгъэпэщакIуэхэм быдэу я фIэщ мэхъу ныбжькIэ зэщхьэщыха гупхэмрэ программэ гъэщIэгъуэнхэмрэ Iэмэпсымэхэр зэращигъэгъупщэнур. МазитIым къриубыдэу зэныбжьэгъу щыхъунущ икIи щызэпсэлъылIэнущ «Зелёный афон» зэхуэсым ныбжьыщIэ 300-м щIигъу.

3098
Фотогалерея