Псыхуабэ епархием и хъумакIуэр Москва конференцэм щыIащ

11.06.2019
Просмотры: 2167

«Епархиальные древнехранители. Церковь и музеи» II урысейпсо конференцэм и етIуанэ программэм хыхьэу 2019 гъэм накъыгъэм и 31-м зэхуащIыжащ епархием и хъумакIуэхэм члисэ архитектурэмрэ гъуазджэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ курсхэр. Курсыр къызэрагъэпэщащ Патриарх ЛъапIэ Кирилл и арэзыныгъэкIэ щэнхабзэмкIэ Патриаршэ советым. Конференцэм Псыхуабэ епархием и лIыкIуэу хэтащ епархием и хъумакIуэ Чечин Олег.

Дерсхэр махуищым къриубыдэу щрагъэкIуэкIащ «Россия – моя история» парк ВДНХ-м щыIэм. Лекцэм и программэр зэхалъхьащ абы къекIуалIэхэр дэзыхьэххэм елъытауэ, ахэр зэхуихьэсащ Патриаршэ советым. Махуэ къэс траухуащ члисэ фэеплъхэр хъумэным. Япэ махуэм тепсэлъыхьащ Члисэмрэ музейхэмрэ зэрызэдэлэжьэнум. Патриаршэ советым и унафэщI митрополит Тихон (Шевкунов) конференцэр къыщызэIуахым ищIа докладым чристэн экскурсоводхэр гъэхьэзырыным гулъытэ хуащIыну къыхилъхьащ, Чристэн диным тепсэлъыхьыфын хуэдэу, Урысейм и псэкупсэ, щэнхабзэ щIэинхэм щыщ Iыхьэу.

ЕтIуанэ махуэр траухуащ члисэ архитектурэр хъумэным, члисэ ухуэныгъэхэмрэ фэеплъхэмрэ зэгъэпэщыжыным.

Ещанэ махуэм тепсэлъыхьащ фэеплъ зэхэкъутахэр къэгъэщIэрэщIэжыным, зэгъэпэщыжыпхъэ фэеплъхэр зыхуей хуэгъэзэжыным. Курсхэм кърихьэлIахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ инженер цIэрыIуэхэр, геолого-минералогическэ щIэныгъэхэм я доктор, проектнэ мастерскойхэмкIэ щIэныгъэ-реставрацэ Нэхъыщхьэм категорие нэхъыщхьэ зиIэ и инженер-реставратор Шейкин Евгений, Москва и архитектурнэ институтым архитектурэмкIэ и кафедрэмрэ живописымкIэ Урысей академием щэнхабзэ щIэинхэр зэгъэпэщыжынымрэ хъумэнымкIэ и кафедрэмрэ я доцент Кавер Наталье.

Накъыгъэм и 31-м курсым екIуалIэхэр щыIащ Москва и Спасо-Андроников къулъшырыфым, Спасскэ члисэр здэщыIэм, Рублев Андрей и цIэр зезыхьэ урыс щэнхабзэмкIэ къэрал музейм. Практикэ семинарыр иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Калинин Леонид, члисэ гъуазджэмкIэ, архитектурэмрэ реставрацэмкIэ Эксперт советым и унафэщI, Москва къалэм и епархием и хъумакIуэм. ХъумакIуэхэр щыIащ урысей тхьэнапэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм, реставраторхэм я упщIэхэм жэуап щратащ, ахэр зэрызрагъэпэщыжым, зэрахъумэм и кIапэлъапэхэм хагъэгъуэзащ.

2167
Фотогалерея