Кисловодск щекIуэкIа фэеплъ пшыхьыр траухуащ щоджэн нэхъыжь Воронин Илья

04.06.2019
Просмотры: 2657

2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м Кисловодск и «Дача-Шаляпина» унэ-музейм щекIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Воронин Илья и зэIущIэ. Мы гъэм илъэс 15 мэхъу щоджэныр дунейм зэрехыжрэ.

Воронин Илья Хэку зауэшхуэм щыгъуэ уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ щытащ. 1945 гъэм ар Ставрополь и духовнэ семинарием щIэтIысхьащ. Баку, Грознэ, Курсавск, ЕссэнтIыгу, Кисловодск и члисэхэм екIуалIэхэм Илья узэщIакIуэ, усакIуэ, унафэщI IэкIуэлъакIуэу ягу къинэжащ. Илъэс 55-м щIигъукIэ щоджэн нэхъыжь Илья Тхьэм къулыкъу хуищIащ. Воронин Илья щыщIалъхьэжащ ЕссэнтIыгу и Никольскэ члисэм и тыхь щIапIэм, илъэс зыбжанэкIэ къулыкъу щищIам, щоджэным щыдэIэпыкъуам.

Фэеплъ пшыхьым хэтащ Кисловодск и щоджэнхэр – Крестовоздвиженскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермогенрэ Пантелеимоновскэ члисэм и щоджэн нэхъыжь Лагутин Андрейрэ, щоджэн нэхъыжь Воронин Илья и благъэхэр.

2657
Фотогалерея