Архиепископ Феофилакт Урожайнэ къуажэм и члисэм литургие щригъэкIуэкIащ

02.06.2019
Просмотры: 1860

2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Урожайнэ къуажэм апостол пэлъытэхэу Константинрэ Еленэрэ я цIэр зезыхьэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий, члисэм и унафэщI щоджэн Рубец Алексий, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къуажэм дэсхэр. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм щепсэлъащ шхапIэм.

1860
Фотогалерея