2019 гъэм накъыгъэм и 22-м, щихъ, телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и къарум щыщ Iыхьэхэр щагъэIэпхъуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр. Щоджэн нэхъыщхьэм тхьэлъэIу литургиер драгъэкIуэкIащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александррэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэмрэ. ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи фIыщIэ тхылъ иритащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий.