Кисловодск гимназием и гъэсэнхэр ветеранхэм я деж щыIащ

12.05.2019
Просмотры: 1957

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэм и пэ къихуэу зауэм и ветеранхэм я деж щыIащ Кисловодск и Свято-Никольскэ классическэ гимназием и гъэсэнхэр, Чристэн сымаджэщым и дохутыр Уваровэ Валентинэрэ гимназием и унафэщI Синявская Татьянэрэ щIыгъуу.

ЕджакIуэхэр зауэм хэтахэм усэ къахуеджащ, уэрэд жаIащ, Христос ЛIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам теухуауэ, мамырыгъэ къытхуэзыхьахэм ятеухуа Iуэтэжхэр жаIэжащ. Гимназием и гъэсэнхэм ветеранхэм удз гъэгъахэр иратащ икIи хъуэхъухэр, Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн къыбгъэдэкI саугъэтхэр щIыгъуу.

НыбжьыщIэхэм зэхыхьэр щиухым ветеранхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи ТекIуэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм, лIыхъужьыгъэм папщIэ фIыщIэ хуащIащ. Гимназием и гъэсэнхэр хабзэ хъуауэ зауэм хэтахэм я деж кIуэурэ йохъуэхъу.

1957
Фотогалерея