Члисэм пэгъунэгъуу мыIэрысей жыг ягъэтIысащ

10.05.2019
Просмотры: 2282

2019 гъэм накъыгъэм и 7-м мыIэрысей жыгыщIищэ щыхасащ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэм, депутатхэм, къалэм и унафэщIхэмрэ еджакIуэхэмрэ ЕссэнтIыгу къалэм и Къэзан члисэм пэгъунэгъуу. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу мыIэрысей жыгхэр ягъэтIысыну къыхилъхьащ къалэдэс щIалэ Матвиенкэ Дмитрий. Ар даIыгъащ екIуэлIапIэм кIуэхэми. Iуэхум хэтхэм фIэхъус ярихащ икIи къехъулIэну захуигъэазщ щоджэн нэхъыжь Сахно Андрей.

2282
Фотогалерея