Гимназием и гъэсэнхэр ирикIуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ут нэхъыщхьэм

10.05.2019
Просмотры: 2136

2019 гъэм накъыгъэм и 8-м Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием и гъэсэнхэр къыщыпсэлъащ «Мы – наследники Великой Победы!» махуэшхуэм. БлэкIа мазэм къалэм и школхэр жыджэру хэтащ ТекIуэныгъэм и Бэракъыр зыIэпыхыным. Iуэхур «ТекIуэныгъэм и вальскIэ» щызэхуащIыжащ Къэрэшей-Шэрджэсым и ут нэхъыщхьэм. Ар еджакIуэ 800-м ягъэзэщIащ икIи Черкесск и школхэм я гупхэр Урысей Армэм и зауэлIхэм я фащэр ящыгъыу парадым хэтащ. Республикэмрэ къалэмрэ я Iэтащхьэхэм хэкупсэ ныбжьыщIэхэм, адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ махуэшхуэм папщIэ.

2136
Фотогалерея