Карачаевск къыщызэIуахащ щэнхабзэ центр

10.05.2019
Просмотры: 2350

Мы махуэхэм Карачаевск къалэм къыщызэIуахащ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ щыяпэ Центр. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и унафэкIэ абы зрехьэ балъкъэр тхакIуэ Кулиев Къайсын и цIэр. Махуэшхуэм Карачаевск къэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр.

ЛентI плъыжьыр зыпаупщIащ хьэщIэ лъапIэхэм: КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ Карачаевскэ къалэ округым и ветеранхэм я Советым и унафэщI Алиев Ракайрэ.

Зэхыхьэхэм хэтащ къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и щоджэн Фоменкэ Сергий.

2350
Фотогалерея