Кисловодск щекIуэкIа махуэшхуэм щыджэгуащ пасэрей IутIыж джэгукIэхэм

06.05.2019
Просмотры: 2056

2019 гъэм накъыгъэм и 4-м IутIыж махуэшхуэр щагъэлъэпIащ Кисловодск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школымрэ Свято-Никольскэ чристэн гимназием пэщIэдзэ классым щыхуагъэхьэзыр классымрэ. НыбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ тхьэмахуэ школым и егъэджакIуэ щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий. Христос ЛIахэм КъазэрыхэтэджыкIыжам теухуа усэхэмрэ уэрэдхэмрэ къадэкIуэу джэгуащ, зэпеуэхэм, викторинэхэм я зэфIэкI щеплъыжащ. Махуэшхуэр щиухым артист ныбжьыщIэхэмрэ кърихьэлIахэмрэ IутIыж саугъэтхэр иратащ.

2056
Фотогалерея