Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Кавказ къуажэ члисэм

05.05.2019
Просмотры: 2612

2019 гъэм накъыгъэм и 4-м, тхьэмахуэ Нэхум и щэбэтым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Кавказ къуажэм и Георгиевскэ члисэм, КъШР-м. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, члисэм и унафэщI щоджэн Малютин Геннадий, къардэн Копач Пётр сымэ. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къэзакъ-баталпашинецхэр, къуажэдэсхэр. Литургие нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ иужькIэ щихънагъым тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ артосыр зэгуэгъэхуным и IуэхукIэ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ архиепископ Феофилакт екIуэлIапIэм кIуэхэм Жорыр яритащ, ба хуащIын папщIэ.

2612
Фотогалерея